Текст песни:
1. Мазэ бзыгъэу дэхащэ
Дыщэ щыгъэу вагъуэбэ
Псэ къабзагъэр зи фащэ
Щэджэщагъэр зи щ1асэ
Вындым хуэдэр зи набдзэ
Бдзапц1э хьэлъэр зи плъэк1э
К1э бырыбыр зи фащэ
Щабэрык1уэу уэркъ пщащэ.
Ежьу (припев)
Мазэр зи нэк1уурэ набдзэ къурашэ
Шабзэшэ к1уэк1эри зыхуэзгъэфащэ
Щабэрык1уэк1эурэ уэркъ пщащэ уардэ
Дахагъэр уэрщ зи фащэр уей.
Псэр зыхуэусэурэ уэркъ пщащэ уардэ
Хъуэрыбзэ усэк1э хъуахъуэ зи хабзэ
Пшынэбзэ дахэк1э сигу зыхуэусэ
Псэ къабзэр уэрщ зи фащэр уей.
2. Уэркъ бгы псыгъуэр зи фащэ
Хабзэ зехьэр зи гъащ1э
Щ1ым къытепсэр зи мазэ
Зэнзэныпсу тк1уэпс къабзэ
Зи щхьэцыгъуэр щ1ак1уапц1э
Джэгу зэхэшэр зи хабзэ
Зи дэ купщ1эр дыщафэ
Зыдэгъазэт Уэркъ къафэм.
Ежьу (припев)
Мазэр зи нэк1уурэ набдзэ къурашэ
Шабзэшэ к1уэк1эри зыхуэзгъэфащэ
Щабэрык1уэк1эурэ уэркъ пщащэ уардэ
Дахагъэр уэрщ зи фащэр уей.
Псэр зыхуэусэурэ уэркъ пщащэ уардэ
Хъуэрыбзэ усэк1э хъуахъуэ зи хабзэ
Пшынэбзэ дахэк1э сигу зыхуэусэ
Псэ къабзэр уэрщ зи фащэр уей.
Мазэм ухуэзгъадэурэ
Дыгъэм упэслъытурэ
Дыжьынык1 щхьэцыгъуэхэр
1эпкълъэпкъ дахэ пкъыгъуэхэр
Псэр щ1эгуф1э ф1ыгъуэхэр
Уэ зырщ сигу ислъагъуэр уей..
Псэр щ1эгуф1э ф1ыгъуэхэр
Уэ зырщ сигу ислъагъуэр уей..
Мазэм ухуэзгъадэурэ
Дыгъэм упэслъытурэ
Дыжьынык1 щхьэцыгъуэхэр
1эпкълъэпкъ дахэ пкъыгъуэхэр
Псэр щ1эгуф1э ф1ыгъуэхэр
Уэ зырщ сигу ислъагъуэр уей..
Псэр щ1эгуф1э ф1ыгъуэхэр
Уэ зырщ сигу ислъагъуэр уей..
Ежьу (припев)
Мазэр зи нэк1уурэ набдзэ къурашэ
Шабзэшэ к1уэк1эри зыхуэзгъэфащэ
Щабэрык1уэк1эурэ уэркъ пщащэ уардэ
Дахагъэр уэрщ зи фащэр уей.
Псэр зыхуэусэурэ уэркъ пщащэ уардэ
Хъуэрыбзэ усэк1э хъуахъуэ зи хабзэ
Пшынэбзэ дахэк1э сигу зыхуэусэ
Псэ къабзэр уэрщ зи фащэр уей.
Псэ къабзэр уэрщ зи фащэр уей
Слова песни прочитаны: 2539
Комментарии (0)